Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

39 УРОКЫР

Алыхьыр лъым дапхуэдэу зэрыхущытыр?

Алыхьыр лъым дапхуэдэу зэрыхущытыр?

Лъым ди гъащІэм мыхьэнэшхуэ щиІэщ, арыншэу дэ дыпсэуфынукъым. Алыхьым дэ дыкъызэригъэщІам къыхэкІкІэ, ар хуитщ лъыр къызэрыдгъэсэбэпынум теухуауэ унафэ къыдитыну. Сыт лъым теухуауэ Иеговэ Библием ирыригъэтхар? Лъыр тшхы е зыхедгъакІэ хъуну? Лъым теухуауэ Иеговэ арэзы зытехъуэн унафэ дапхуэдэу къызэрытщтэнур?

1. Иеговэ лъым дапхуэдэу зэрыхущытыр?

Библиер щатха зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Псэ зыІут псоми я гъащІэр — я лъыращ» (Левит 17:14). Иеговэ и дежкІэ лъым гъащІэр къегъэлъагъуэ. Алыхьым тыгъэу къыдита гъащІэр щылъапІэкІэ, лъыри лъапІэщ.

2. Лъыр къызэрыбгъэсэбэп мыхъуным теухуауэ сыт Алыхьым жиІэр?

Пасэ зэманым Иеговэ унафэ ищІауэ щытащ и лэжьакІуэхэм лъы яшх мыхъуну (Къеджэ ЩІэдзапІэ 9:4, Левит 17:10.) А унафэр абы иужькІи зэримыхъуэжам щыхьэт тохъуэ япэ лІэщІыгъуэм унафэщІ гупым жиІауэ щытар. Абы Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм унафэ яхуищІащ лъым пэІэщІэ зыхуащІыну (Къеджэ Апостолхэм 15:28, 29).

Лъым пэІэщІэ зыхуэщІыным сыт къикІыр? Псалъэм папщІэ, дохутырым фадэ зыІуомылъхьэну къыбжиІэмэ, уэ фадэ уефэ зэрымыхъунур къыбгуроІуэ. Ауэ фадэ зыхэлъ шхын пшхынут е ар уи лъынтхуэмкІэ зыхебгъэкІэнут? ДауикІ, хьэуэ! Лъым пэІэщІэ зыхуэтщІыну Алыхьым къыдита унафэм къокІ дэ лъым демыфэну икІи ар къызыщІамыгъэжа псэущхьэм ил дымышхыну. Абы нэмыщІ лъы зыхалъхьа шхыни тшхы хъунукъым.

Медицинэм лъыр къызэрагъэсэбэпым теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Лъы къыщагъэсэбэп языныкъуэ процедурэхэр Алыхьым и унафэм пэщІоувэ. Псалъэм папщІэ, лъыр е абы и Іыхьэ нэхъыщхьиплІыр — эритроцитхэр, лейкоцитхэр, тромбоцитхэр е плазмэр — къыщагъэсэбэп процедурэхэр абы хохьэ. Ауэ нэгъуэщІ процедурэхэм теухуауэ Алыхьым и Псалъэм пыухыкІауэ унафэ иткъым. Псалъэм папщІэ, узыфэ гуэрхэр ягъэхъужын щхьэкІэ лъым и Іыхьэ нэхъыщхьиплІым я фракциехэр къагъэсэбэп. Иныкъуэхэм дежи езы сымаджэм и лъыр къагъэсэбэп. Апхуэдэ зэрызагъэхъуж Іэмалхэр цІыхум зэпишэчыу, зыгуригъаІуэу езым унафэ къищтэн хуейщ (Галатие 6:5) a.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Лъы зыхэт зэрызагъэхъуж Іэмалхэм теухуауэ унафэ дапхуэдэу къэпщтэнуми къащІэ.

3. Иеговэрэ уэрэ фи зэныбжьэгъугъэм зэран хуэмыхъун зэрызагъэхъуж Іэмалхэр къыхэх

Лъым теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэм техуэ зэрызагъэхъуж Іэмалхэр дапхуэдэу къызэрыхэпх хъунур? ВИДЕОМ еплъи мы лъэбакъуэхэм мыхьэнэшхуэ щІаІэр жыІэ.

  • Иеговэ Іущагъ къыуитыну елъэІу (Екъуб 1:5).

  • Библием ит абы хуэкІуэ принципхэм еплъ икІи ахэр дапхуэдэу къэбгъэсэбэпыфынуми къащІэ (Притчи 13:16, Гъэсэпэтхыдэхэр).

  • Ущыпсэу щІыпІэм зэрызагъэхъуж сыт хуэдэ Іэмалхэр щыІэми къащІэ.

  • Зэрызагъэхъуж Іэмалхэм щыщу уи дежкІэ къемызэгъыр зэхэгъэкІ.

  • Унафэ къэпщта иужь уи напэр къоныкъуэкъунрэ къомыныкъуэкъунрэ егупсыс (Апостолхэм 24:16) b.

  • Зыщомыгъэгъупщэ, уи напэм епхауэ сыт хуэдэ унафэ къэпщтэнуми уи щхьэгъусэми, зэхуэсым и нэхъыжьхэми, Библие уезыгъаджэми, зыми къыбжиІэн хуейкъым (Рим 14:12).

  • Унафэ пщІахэр тхы.

4. Иеговэ и Щыхьэтхэм зэрызыбгъэхъуж хъун Іэмал нэхъыфІ дыдэр къыхах

Алыхьым и хабзэм утемыкІыу лъы хэмыту зэрызагъэхъуж ІэмалыфІ къыхэпхыфынущ. ВИДЕОМ еплъ.

Тит 3:2 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • ПщІэ хэлъу, щабэу дохутырхэм уепсэлъэн щІыхуейр сыт?

ЗыхебгъакІэ хъунукъым

Щхьэж езым ищІ хъуну унафэр

1. Лъым хэлъ плазмэр

Плазмэм и фракциехэр

2. Лейкоцитхэр

Лейкоцитхэм я фракциехэр

3. Тромбоцитхэр

Тромбоцитхэм я фракциехэр

4. Эритроцитхэр

Эритроцитхэм я фракциехэр

 5. Лъым и фракциехэм пыщІа унафэхэр

Эритроцитхэр, лейкоцитхэр, тромбоцитхэр, плазмэр — ахэр лъыр зэрызэхэлъ Іыхьэ нэхъыщхьиплІыращ. Дэтхэнэ зы Іыхьэ нэхъыщхьэри Іыхьэ нэхъ цІыкІужкІэ зэхэлъщ, абыхэм лъым и фракциекІэ йоджэ c. Языныкъуэ фракциехэр лъыр къызэрагъэувыІэ икІи узыфэхэр зэрагъэхъуж хущхъуэхэм халъхьэ.

Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэми лъым и фракциехэм теухуауэ езым унафэ ищІыжын хуейщ. А унафэр абы къызэрищтэн хуейр Библием тету игъэса и напэмкІэщ. Языныкъуэхэм мурад ящІ лъым и фракциехэр зыхэт хущхъуэ зрамыхьэлІэну икІи ахэр къыщагъэсэбэп процедурэкІэ замыгъэхъужыну. Ауэ нэгъуэщІхэм ахэр къагъэсэбэпыну я напэм къозэгъ.

Унафэ къэпщтэн ипэ, мы упщІэм жэуап ет:

  • Языныкъуэ фракциехэр щІызэсхьэлІэм е щІызэзмыхьэлІэм и щхьэусыгъуэр дохутырым дапхуэдэу къызэрыгурызгъэІуэнур?

ЗЫГУЭР КЪОУПЩІЫНКІЭ ХЪУНУЩ: «Лъы зыхэпкІэным Іейуэ хэлъыр сыт?»

  • Сыт хуэдэ жэуапт уэ абы ептынур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ лъыр лъапІэу елъытэ икІи ар хуейщ дэри апхуэдэу лъым дыхущытыну.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Иеговэ лъыр лъапІэу сыт щІилъытэр?

  • Лъым пэІэщІэ зыхуэтщІыну Алыхьым къыдита унафэм лъы зыхемыгъэкІэнри хыхьэу сыт жыпІэ щІэхъунур?

  • Лъы къагъэсэбэпу зэрызагъэхъуж Іэмалхэм теухуауэ унафэ тэмэм къэпщтэну сыт къыбдэІэпыкъунур?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Уи лъыр процедурэхэм къыщыгъэсэбэпыным теухуауэ унафэ къыщыпщтэкІэ, сыт зыщыбгъэгъупщэн хуэмейр?

«Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» («ХъумакІуэ чэщанэ», жэпуэгъуэм и 15, 2000 гъэ, урысыбзэкІэ)

Лъым и фракциехэр зэпхьэлІэнрэ зомыхьэлІэнрэ унафэ щыпщІым деж, сыт узэгупсысын хуейр?

«Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» («ХъумакІуэ чэщанэ», мэкъуауэгъуэм и 15, 2004 гъэ, урысыбзэкІэ)

Иеговэ лъым зэрыхущытым Іущагъ зэрыхэлъым зы дохутыр гуэр арэзы техъуэну сыт къыдэІэпыкъуар?

«Лъым теухуауэ Алыхьым иІэ еплъыкІэм хуэдэ сэри сиІэ хъуащ» («Фыкъызэщыу!», дыгъэгъазэм и 8, 2003 гъэ, урысыбзэкІэ)

Сымаджэщхэм зыпыщІэнымкІэ комитетым хэт къуэшхэр зэхуэсым щыщхэм зэрадэІэпыкъур къащІэ.

«Иеговэ сымаджэхэм ядоІэпыкъу» (10:23)

a 35-нэ урокым «Унафэ пэж дапхуэдэу къызэрытщтэнур?» жыхуиІэм еплъ.

b Мы урокым «Лъым и фракциехэм пыщІа унафэхэр» жыхуиІэ  5-нэ пунктымрэ «Лъы зыхэт зэрызагъэхъуж Іэмалхэр» жыхуиІэ 3-нэ приложениемрэ еплъ.

c Языныкъуэ дохутырхэм лъыр зэрызэхэлъ Іыхьэ нэхъыщхьиплІыр фракциеу ябж. Аращи, езы лъым нэмыщІ, абы и Іыхьэ нэхъыщхьэу щыт эритроцитхэр, лейкоцитхэр, тромбоцитхэр, плазмэр зэрызыхомыкІэнур дохутырым къыгурыІуэрэ къыгурымыІуэрэ къащІэ.