Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

9-НЭ УРОКЫР

Уи унагъуэр дауэ насыпыфІэ зэрыпщІынур?

Уи унагъуэр дауэ насыпыфІэ зэрыпщІынур?

1. Нэчыхьыр къэрал унафэм тету егъэтхыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

ХъыбарыфІыр къызыбгъэдэкІыр Алыхь насыпыфІэ Иеговэщ икІи ар хуейщ унагъуэ псори насыпыфІэу щытыну (1 Тимофей 1:11, ДЩІ). Унагъуэр зыухуар Алыхьыращ. Унагъуэм насып илъын щхьэкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ къэрал унафэм тету нэчыхь ебгъэтхыным. Апхуэдэ унагъуэхэм адэ-анэхэми сабийхэми зыхащІэ ахэр фІыуэ къызэралъагъур икІи ахэр насыпыфІэщ. Алыхьым и лэжьакІуэхэм къэрал унафэм тету я нэчыхьыр ирагъэтхын хуейщ. (Къеджэ Лука 2:1, 4, 5.)

Алыхьыр нэчыхьым дауэ зэрыхущытыр? Ар хуейщ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ игъащІэкІэ зэдэпсэуну икІи зэщхьэгъусэхэр пэжагъкІэ зэбгъэдэтыну (Еврейхэм 13:4). Алыхьым илъагъу хъукъым зэщхьэгъусэхэм я нэчыхьыр щакъутэжым деж (Малахия 2:16). Ауэ зи щхьэгъусэр зэпцІыжар абы хуит ещІ и нэчыхьыр икъутэжу унагъуэщІэ иухуэну. (Къеджэ Маттэ 19:3—6, 9.)

2. Зэщхьэгъусэхэр дапхуэдэу зэрызэхущытын хуейр?

Иеговэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зыр зым и дэІэпыкъуэгъуу щытыну къигъэщІащ (ЩІэдзапІэ 2:18). ЦІыхухъур унагъуэм и нэхъыжьщ. Абы и къалэным хохьэ и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ зыхуей хуигъэзэныр икІи абыхэм я гъусэу Библиер иджыныр. ЦІыхухъур и щхьэгъусэм щхьэкІэ зыгуэр зыхуигъэныкъуэну хьэзыру щытын хуейщ. Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэрэ пщІэрэ дэлъын хуейщ. Дэ псоми гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ нэгъуэщІым и щыуагъэхэр хуэдгъэгъуфу зедгъэсэным. Аращ унагъуэ насыпыр зэлъытар. (Къеджэ Ефес 4:31, 32; 5:22—25, 33; 1 Петр 3:7.)

3. Сыт пщІэн хуейр, уи нэчыхьым насып къыпхуимыхьмэ?

Унагъуэм гугъуехь къихьэмэ, зэщхьэгъусэхэм лъагъуныгъэ яхэлъу зэрызэхущытыным зрагъэсэн хуейщ (1 Коринф 13:4, 5). Унагъуэм гугъуехь къихьэмэ, зэщхьэгъусэхэр зэпэщхьэхуэу псэуну Алыхьым и Псалъэм хуигъэушкъым. (Къеджэ 1 Коринф 7:10—13.)

4. Сабийхэ, Алыхьыр сыт фэр щхьэкІэ зыхуейр?

Иеговэ хуейщ фэ насыпыфІэу фыщытыну. Абы федаІуэу щытмэ, фэ гугъуехь куэдым зыщыфхъумэфынущ икІи фи щІалэгъуэм гуфІэгъуэ хэфхыфынущ. Ар иджыри хуейщ фэ фи адэ-анэхэм федэІуэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм фэр нэхърэ нэхъыбэ къагъэщІащ икІи гъащІэм нэхъ хащІыкІ (Колоссэ 3:20). Абы нэмыщІ Иеговэ хуейщ и мурадыр зэрывгъэзащІэм гуфІэгъуэ хэфхыну. (Къеджэ Экклезиаст 11:9—12:1; Маттэ 19:13—15; 21:15, 16.)

5. Адэ-анэхэ, сыт фэ фщІэн хуейр фи сабийхэр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ?

Фэ фи сабийхэр яшхыным, щатІэгъэным, зыщІэсыным теухуауэ зыхуей хуэвгъэзэн хуейщ (1 Тимофей 5:8). Ауэ ахэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, Алыхьыр фІыуэ ялъагъуну икІи абы едэІуэну вгъэсэн хуейщ (Ефес 6:4). Фэ езым Алыхьыр фІыуэ зэрыфлъагъур фи сабийхэм ялъагъумэ, абы ахэр хуигъэушынущ фи щапхъэм дэплъеину. Алыхьым и Псалъэр фэ сэбэп къыфхуэхъунущ фи сабийм хьэл-щэн дахэ зыхилъхьэну икІи гупсысэкІэ тэмэм зригъэгъуэтыну фыдэІэпыкъуну. (Къеджэ Второзаконие 6:4—7; Притчи 22:6, Гъэсэпэтхыдэхэр.)

Сабийхэм уащытхъуным икІи фІыуэ зэрыплъагъур яжепІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ауэ ахэр бгъэсэни икІи, хуей хъууэ щытмэ, тезыр ятеплъхьэни хуейщ. Абы ахэр щихъумэнущ насыпыфІэ хъуну зэран яхуэхъун гуэр ямыщІэну (Притчи 22:15, Гъэс.). Адэ-анэхэм тезыр сабийхэм щытралъхьэкІэ ирагъэлеин икІи ткІииІуэу, гущІэгъуншэу яхущытын хуейкъым. (Къеджэ Колоссэ 3:21.)

Адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ ядэІэпыкъун щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм тхылъ зыбжанэ къыдагъэкІащ. А тхылъхэр Библием тегъэщІащ. (Къеджэ Псалом 19:7, 11.)