7-НЭ УРОКЫР
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?
1. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр — ар уафэм щыІэ правительствэщ. А Пащтыхьыгъуэр щІылъэм щыІэ правительствэхэм я пІэ иувэнущ икІи Алыхьым и Іэмырыр уафэм зэрыщагъэзащІэм хуэдэу щІылъэми щигъэзэщІэнущ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр икъукІэ хъыбарыфІщ. Куэд дэмыкІыу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр цІыхубэ псом правительствэфІ яхуэхъунущ. Абы цІыху псори зы ищІыжынущ. (Къеджэ Даниил 2:44; Маттэ 6:9, 10; 24:14.)
Дэтхэнэ зы пащтыхьыгъуэми пащтыхь иІэщ. Иеговэ уафэм щыІэ и Пащтыхьыгъуэм Пащтыхьу тригъэувар и Къуэ Хьисэ Мэссихьщ. (Къеджэ Апокалипсис 11:15.)
«Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр сыт зищІысыр?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.
2. Хьисэ Мэссихь хуэдэ Пащтыхь щІыщымыІэр сыт?
Хьисэ Мэссихь захуагъэрэ гущІэгъурэ зэрыхэлъым къыхэкІкІэ ар псом нэхърэ нэхъ ПащтыхьыфІщ (Маттэ 11:28—30). А хьэл-щэнхэм нэмыщІ абы къаруушхуэ бгъэдэлъщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и Пащтыхьыгъуэр здэщыІэр уафэращ. Абы и фІыгъэкІэ ар цІыхухэм нэхъыфІу ядэІэпыкъуфынущ. Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа нэужь уафэм дэкІуеижри Иеговэ и ижьырабгъумкІэ тІысащ (Еврейхэм 10:12, 13). Зэманыр къэса иужь, Алыхьым Хьисэ тепщэныгъэр иритри, абы тепщэн щІидзащ. (Къеджэ Даниил 7:13, 14.)
3. Хьисэ и гъусэу тепщэу щытынур хэт?
Хьисэ зэрыжиІам хуэдэу абы и гъусэу нэгъуэщІ цІыхухэри тепщэу щытынущ (Лука 22:28, 29; Даниил 7:27). А цІыхухэр къыхэзыхыр езы Иеговэщ. Япэу а гупым хыхьахэр Хьисэ и апостол пэжхэращ. А уафэм кІуэну Алыхьым хуэпэж цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ Иеговэ ди зэманми къыхех. Ахэр Алыхьым лІахэм къахегъэтэджыкІыж мелыІыч Іэпкълъэпкъ яІэу, Хьисэ хуэдэу уафэм щыпсэун щхьэкІэ. (Къеджэ Иуан 14:1—3; 1 Коринф 15:42—44.)
Лука 12:32). Ахэр 144 000 мэхъу икІи ахэр Хьисэ и гъусэу щІылъэм и тепщэу щытынущ. (Къеджэ Апокалипсис 14:1.)
ЦІыху дапщэ уафэм кІуэнур? Хьисэ абыхэм «гуп мащІэкІэ» еджащ (4. Хьисэ Пащтыхьу зэрытеувэу сыт ищІар?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щыщІидзар 1914 гъэращ *. Хьисэ Пащтыхь зэрыхъуу занщІэу ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ щІылъэм къридзыхащ. А Іуэхум ШейтІаныр Іейуэ къигъэгубжьащ икІи абы цІыхубэр гугъу иригъэхьу щІидзащ (Апокалипсис 12:7—10, 12). Абы лъандэрэ цІыхухэр гуауэмрэ гузэвэгъуэмрэ хэкІкъым. Зауэхэр, гъаблэр, уз зэрыцІалэхэр, щІыр зэрыхъейр — а псор Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр гъунэгъу зэрыхъуар къэзыгъэлъагъуэ «нэщэнэхэм» хохьэ. (Къеджэ Лука 21:7, 10, 11, 31.)
5. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт хуэдэ фІыгъуэ къытхуихьынур?
ХъыбарыфІыр дуней псом зэрыщагъэІум и фІыгъэкІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм нобэ щыщІэдзауэ лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэр зэкъуэт ещІ. ЦІыху Іэдэбхэм мелуан бжыгъэкІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр яубыд. Мы дуней бзаджэр Алыхьым щызэтрикъутэкІэ а цІыхухэр а Пащтыхьыгъуэм къихъумэнущ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІэту псэуну хуей дэтхэнэ зыри Хьисэ и жыІэм тетын хуейщ. (Къеджэ Апокалипсис 7:9, 14, 16, 17.)
Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым къриубыдэу Алыхьым япэ дыдэу цІыхухэм яхуиІа мурадыр игъэзэщІэнущ. ЩІылъэ псор жэнэт хъунущ. Абы иужь Пащтыхьыгъуэр Хьисэ и Адэм и ІэмыщІэ ирилъхьэжынущ (1 Коринф 15:24—26). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр хэтыт уэ зыжепІэну узыхуейр? (Къеджэ Псалом 37:10, 11, 29.)
^ абз. 6 «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъым и н. 248—251 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр 1914 гъэм зэрытеувам теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.