63 УЭРЭДЫР
Дэ Иеговэ дыри-Щыхьэтщ!
-
1. ЦІыхухэм мывэм, пхъэм пщІэ хуащІ,
Иеговэ ямыцІыху.
ЛъапІэщ ди Алыхьыр
И Іуэху псори лъэщщ.
Тхьэхэр зыри имыщІыс,
Ди къэкІуэныр ямылъагъу.
Я ІэкІэ цІыхухэм тхьэ ящІыжам
ПщІэншэу щыгугъыу гъащІэр яхь.
ЕЖЬУ
«Сэ фызищыхьэтщ»,— жиІащ
ГъащІэр псоми езытам.
Псалъэ итам сыт щыгъуи тетыжщ,
ЖиІэри игъуэу къэхъунщ.
-
2. Адэм и цІэр мы дунейм
Дызэкъуэту дгъэлъэпІэнщ.
ЛІыгъэ тхэлъу пэжыр
Псоми яжетІэнщ.
ДылъэІэсмэ я гум дэ,
Пэжым ахэр хуит ищІынщ.
Я фІэщхъуныгъэри быдэ хъунщ,
Ди Адэ Иеговэ щІыхь хуащІынщ.
ЕЖЬУ
«Сэ фызищыхьэтщ»,— жиІащ
ГъащІэр псоми езытам.
Псалъэ итам сыт щыгъуи тетыжщ,
ЖиІэри игъуэу къэхъунщ.
-
3. Адэм и цІэр ягъэпуд,
Ауэ ар догъэкъэбзэж
И махуэшхуэр къосыр,
Псоми къедгъэщІэнщ.
ЦІыхур игукІэ щІегъуэжам
И гуэныхьыр Тхьэм хуегъэгъу.
Къыхуэпэж цІыхухэри къихъумэнщ,
ГъащІэ мыухыжыр яритынщ.
ЕЖЬУ
«Сэ фызищыхьэтщ»,— жиІащ
ГъащІэр псоми езытам.
Псалъэ итам сыт щыгъуи тетыжщ,
ЖиІэри игъуэу къэхъунщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Ис. 37:19; 55:11; Иез. 3:19.)