41 УЭРЭДЫР
Си тхьэлъэІур зэхэх
-
1. Уи лъагъуныгъэм сыдихьэхащ.
Уэ пхэлъщ гущІэгъу, уэращ сыщІэпсэур.
Уи цІэр дунейм сэ щызгъэлъэпІэнщ.
ЕЖЬУ
Уэ си тхьэлъэІур, си Адэ, зэхэх.
-
2. ФІыщІэ пхузощІ, уэ гу къыслъыптащ.
Уэ уи гъуэгу пэжым сытебгъэуващ.
Уэ уи захуагъэр сэ згъэлъэпІэнщ.
ЕЖЬУ
Уэ си тхьэлъэІур, си Адэ, зэхэх.
-
3. Си гъащІэ псокІэ сыпхуэлэжьэнщ.
Пэжым и нэхум сэ сыщІэтынщ.
Тхьэшхуэ, уи нэІэр сэ къыстегъэт.
ЕЖЬУ
Уэ си тхьэлъэІур, си Адэ, зэхэх.
(Абы нэмыщІ феплъ Исх. 22:27; Пс. 106:4; Екъуб 5:11.)