Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

139 УЭРЭДЫР

ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ

ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ

(Апокалипсис 21:1—5)

  1. 1. Уи нэгум къыщІэгъэхьэ уэ

    Жэнэт ищІауэ Иеговэ дунейр.

    Мамыр хъужащ ди щІылъэ псор,

    ПщІыхьэпІэм хуэдэу Іей псор блэкІащ.

    Шынагъуэ лъэпкъи щымыІэж.

    И Пащтыхьыгъуэр Тхьэм игъэуващ.

    Иджы зы унагъуэ дэ псори дыхъуащ,

    Иеговэ дгъэлъапІэу, уэрэдыр ди гум къокІ:

    ЕЖЬУ

    «Иеговэ — Алыхьщ, дунейр къигъэщІащ,

    ЩІылъэщІэр и Къуэм и гъусэу иухуащ.

    ГуфІэгъуэр ди гум къикІыу жыдоІэр уэрэд.

    Иеговэ, ди Адэ, уэ щытхъур къыпхудохь».

  2. 2. Дэ цІыху дагъуэншэ дыхъужащ,

    ЛІэныгъи узи афІэкІ щымыІэж.

    Гугъуехьхэр, гуауэр кІуэдыжащ,

    Иеговэ псори хуит дищІыжащ.

    Ди нэпсхэр псоми тхуилъэщІащ,

    И псалъэм пэжу ар тетыжащ.

    Дунейм ехыжахэр къигъэтэджыжащ.

    Ди макъхэр зэхыхьэу Тхьэм фІыщІэ дэ худощІ:

    ЕЖЬУ

    «Иеговэ — Алыхьщ, дунейр къигъэщІащ,

    ЩІылъэщІэр и Къуэм и гъусэу иухуащ.

    ГуфІэгъуэр ди гум къикІыу жыдоІэр уэрэд.

    Иеговэ, ди Адэ, уэ щытхъур къыпхудохь».