119 УЭРЭДЫР
ФІэщхъуныгъэ диІэн хуейщ
-
1. Алыхьым и лъэпкъыр фІыуэ елъагъу,
Егъасэ, ехъумэ, пщІэ хуещІ.
Хъыбар и Къуэ Хьисэ хуигъэфэщащ:
«ЩІегъуэжи, тобэ къэхьыж».
ЕЖЬУ
ФІэщхъуныгъэм быдэу елэжь,
Ар мэІухум хуэдэу щыгъэт.
Тхьэм и Іуэхур япэ игъэщ,
А фІэщхъуныгъэм уэ укъихъумэнщ.
-
2. Къалэн Хьисэ псоми тхуигъэфэщащ —
Пэжыгъэр дунейм щыдогъэІу.
А Іуэхум жыджэру псори дыхэтщ,
Дэ икІэм ар нэдгъэсынщ.
ЕЖЬУ
ФІэщхъуныгъэм быдэу елэжь,
Ар мэІухум хуэдэу щыгъэт.
Тхьэм и Іуэхур япэ игъэщ,
А фІэщхъуныгъэм уэ укъихъумэнщ.
-
3. Къурш быдэу ди фІэщхъуныгъэр щрет,
Абы лІыгъэ дэ къытхилъхьэнщ.
Дэ нобэ зэран къытхуэхъуми бий куэд,
Иеговэ дыкъихъумэнщ.
ЕЖЬУ
ФІэщхъуныгъэм быдэу елэжь,
Ар мэІухум хуэдэу щыгъэт.
Тхьэм и Іуэхур япэ игъэщ,
А фІэщхъуныгъэм уэ укъихъумэнщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Рим 10:10; Еф. 3:12; Евр. 11:6; 1 Ин. 5:4.)