Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

106 УЭРЭДЫР

Лъагъуныгъэр хыдогъахъуэ

Лъагъуныгъэр хыдогъахъуэ

(1 Коринф 13:1—8)

  1. 1. Иеговэ, уи хьэл-щэн дахэхэр

    Зыхэтлъхьэфыну уэ дынолъэІу.

    Нэхъыщхьэр фІылъагъуныгъэращ,

    Ар лъабжьэ хуохъу уи хьэл-щэну хъуам.

    Іущагъ, зэфІэкІхэр дбгъэдэлъми дэ,

    ДызырикІщ ар щытхэмылъым деж.

    ФІылъагъуныгъэ къытхэлъхьэ дэ,

    Уэ щапхъэ птетхыу ар дгъэлъэгъуэнщ.

  2. 2. ФІылъагъуныгъэм гущІэгъур хэлъщ,

    Ар зыщытхъужыркъым, фыгъуэркъым.

    Бзаджагъэм ар егупсысыркъым,

    Щыуагъэхэри егъэгъу абы.

    Зыхэтлъхьэмэ хьэл-щэн дахэр дэ,

    Гугъу ехьхэм гуауэр ящхьэщытхынщ.

    Ди ІуэхухэмкІэ ар дгъэлъагъуэмэ,

    ІыхьэфІыр ди Адэм къытлъигъэсынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Ин. 21:17; 1 Кор. 13:13; Гал. 6:2.)