Мартым и 4—10
ПСАЛМЫ 16, 17
111-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. «Иеговэ, си гъащІэм фІыуэ хэлъу хъуар уэращ къызыбгъэдэкІыр»
(дакъ. 10)
Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэрыдгъэныбжьэгъум гуфІэгъуэ къытхуехь (Пс 16:2, 3; w18.12 24, абз. 11).
Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъым дыщогуфІыкІ (Пс 16:5, 6; w14-U 15/2 29, абз. 4).
Ди фІэщхъуныгъэм зэран къыхуэхъун Іуэхугъуэхэм Иеговэ дызэрыщихъумэм щхьэкІэ ди гум шынэ илъкъым (Пс 16:8, 9; w08-U 15/2 3, абз. 2, 3).
ФІыгъуэ псори къызыбгъэдэкІ ди Алыхь Иеговэ дызэрыхуэлажьэр псом япэ идогъэщри, Даут хуэдэу дэри ди гъащІэм мыхьэнэ иІэу допсэу.
ЗЭУПЩІЫЖ: «Иеговэ хуэлэжьэн зэрыщІэздзэрэ си гъащІэр сыткІэ нэхъыфІ хъуа?»
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пс 17:8. «Нэкугъуэ» жыхуиІэ псалъэм сыт къикІыр? (it-1-U 851, абз. 7, 8)
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мт 19:16—30 (th 5-нэ урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(1 дакъ.) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр цІыхум ет (th 11-нэ урокыр).
5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр цІыхум ет. Абы фІэгъэщІэгъуэн хъуамэ, «Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыдогъэкІыж» видеом егъэплъи, абы фытепсэлъыхьыж (th 9-нэ урокыр).
6. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 2) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр цІыхум ет (th 2-нэ урокыр).
7. ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ
(дакъ. 5) lff 14-нэ урокыр, хэзыгъэгъуазэмрэ 1—3 пунктхэмрэ (th 6-нэ урокыр).
20-нэ уэрэдыр
8. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм дапхуэдэу зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур?
(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.
Мартым и 24-нэм, тхьэмахуэ махуэм, Хьисэ унафэ къытхуигъэнам дытету дэ дызэхуэсынущ ар щылІа махуэр дигу къэдгъэкІыжын щхьэкІэ. А махуэм дэ дегупсысынущ Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуагъэлъэгъуа лъагъуныгъэшхуэм (Лк 22:19; Ин 3:16; 15:13). Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм дапхуэдэу зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур?
-
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэмрэ абы ипэ къихуэу жаІэну псалъэ хэхамрэ цІыхухэр къызэредгъэблэгъэну кампанием жыджэру ухэтыну ухудогъэуш. Абы къебгъэблэгъэну узыхуейхэр тхы. Ауэ а цІыхухэм щыщ гуэр нэгъуэщІыпІэ щыпсэумэ, сыт пщІэ хъунур? Псалъэ хэхамрэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэмрэ ущедаІуэ хъуну щІыпІэмрэ зэманымрэ jw.org сайтым къыщыпщІэфынущ.
-
Мартымрэ апрелымрэ хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу узэрыхэтыным хущІэкъу. А мазитІым сыхьэт 15-кІэ е 30-кІэ подсобнэ пионеру умылэжьэфыну пІэрэ?
-
Мартым и 18-м щыщІэдзауэ Хьисэ лІэным тхьэмахуэ иІэжу къэхъуа мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэм теухуауэ еджэ. «2024 гъэм Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъэпІэну зэманым Библием дызэреджэну графикыр» къэгъэсэбэп. Абы щыщу махуэ къэс узэджэнур тебухуэ хъунущ (6, 7 напэкІуэцІхэм еплъ).
-
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъэпІэну махуэм пщэдджыжьым екІуэкІыну программэ хэхам jw.org сайтым щеплъ.
-
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм япэу къекІуалІэхэри хъыбарыфІ гъэІуным хэмытыж къуэш, шыпхъухэри гуапэу, нэфІэгуфІэу къегъэблагъэ. Программэр иуха иужь абыхэм бгъэдыхьэ икІи я упщІэхэм жэуап ет. Нэхъыбэ къащІэну уадэІэпыкъун щхьэкІэ иужькІэ уахуэзэну абыхэм угурыІуэ хъунущ.
-
Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну махуэм ипи, абы иужьи Хьисэ и къурмэныпхъэм егупсыс.
«Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыдогъэкІыж» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ кампанием ущыхэткІэ мы видеор дапхуэдэу къызэрыбгъэсэбэп хъунур?
9. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 6, абз. 18—24, н. 48 ит рамкэр