3. Узыфэхэр
3. Узыфэхэр
«ЦІыхухэр... узыфэ шынагъуэхэмкІэ сымэджэнущ» (ЛУКА 21:11, Contemporary English Version).
● Африкэм щыщ зы къэрал гуэрым зауэ къыщекІуэкІт. Дохутыру лажьэ Бонзали хузэфІэкІыр ищІэт, и къалэм щыпсэу шахтерхэр Вирус Марбург * жыхуаІэм къригъэлын щхьэкІэ. Бонзали къалэ нэхъ иным и унафэщІхэм дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ елъэІут, ауэ зыми жэуап къриттэкъым. МазиплІ дэкІа нэужь, абы жэуап къратащ, ауэ гуват: шахтерхэм Бонзали къацІалэри ар а уз хьэлъэм илІыкІащ.
ІУЭХУР ЗЭРЫЩЫТЫР 2004-нэ гъэм къриубыдэу СПИД, малярие жыхуаІэ узыфэхэм, абы нэмыщІ цІыхум и лъатэм, и кІэтІийм, и тхьэмбылым епха узыфэхэм (псалъэм папщІэ, пневмонием) мелуанипщІрэ ныкъуэм щІигъу цІыху илІыкІащ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, секундищ къэс зы цІыху лІэт.
ЦІЫХУХЭМ ЖАІЭР. ЦІыхухэр кІуэ пэтми нэхъыбэ щыхъукІэ сымаджэхэри нэхъыбэ мэхъу.
ПЭЖУ ПІЭРЭ АР? ЦІыхухэр кІуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъур пэжщ, ауэ узыфэхэр къэхутэнымкІэ, ахэр къэгъэувыІэнымкІэ икІи гъэхъужынымкІэ ехъулІэныгъэшхуэхэр щыІэщ. Абы къыхэкІкІэ, узыфэхэр нэхъ мащІэ хъун хуейтэкъэ? АрщхьэкІэ, ахэр кІуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.
ДАУЭ УЕПЛЪРЭ? Къэхъун хуей псалъэхэу Библием итыр нобэ гъэзэщІа хъурэ? Абы щыжыІат цІыхухэр узыфэ шынагъуэхэм зэрихьынур.
ЩІыр хуабжьу зэрыхъеир, гъаблэр, узыфэхэр — псэ зыІумыт бийхэщ икІи абыхэм цІыхухэр мелуан бжыгъэкІэ яхь. Ауэ абы нэхърэ нэхъыбэж цІыхухэр я унагъуэм щыщхэм гугъу ирагъэхь. Абы теухуауэ Библием щыжыІауэ щытам еплъ.
[Сноскэ]
^ Вирус Марбург жыхуаІэм иджыри церкопитековая геморрагическая лихорадкэкІэ йоджэ — а уз зэрыцІалэр лихорадка Эбола жыхуаІэм ещхьщ.
[Вставкэ]
«Аслъэным е нэгъуэщІ хьэкІэкхъуэкІэ гуэрым уишхмэ, ар шынагъуэщ, ауэ уи кІуэцІыр узыфэ гуэрым щишхым деж икІи ар дыдэр адрейхэми къащыщІу щыплъагъум деж, ар нэхъ шынагъуэжщ» (ЭПИДЕМИОЛОГУ ЛАЖЬЭ МАЙКЛ ОСТЕРХОЛМ).
[Сурэтым теухуауэ]
© William Daniels/Panos Pictures