Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2. Гъаблэ къэхъунущ

2. Гъаблэ къэхъунущ

2. Гъаблэ къэхъунущ

«Гъабли щыхъунущ» (МАРК 13:8).

● Зы цІыхухъу гуэр Кваратаги (Нигер) къуажэм шхын къилъыхъуэу къэкІуащ. А къуажэ дыдэм абы и къуэшхэмрэ и шыпхъухэмрэ къэкІуащ. Ауэ лІыр абыхэм ябгъэдыхьэкъым. Сыт щхьэкІэ? Къуажэм и нэхъыжь Сиди къыдгурегъаІуэ: «Абы [и Іыхьлыхэр] зэрыхуэмыгъашхэм щхьэкІэ я нэгум иплъэну мэукІытэ».

ІУЭХУР ЗЭРЫЩЫТЫР. Дуней псом щыпсэухэм щыщу дэтхэнэ зы ебланэ цІыхуми и ныбэ изу шхэну Іэмал иІэкъым. Сахарэ ипщэкІэ щыІэ къэралхэм я Іуэхур нэхъ Іеижщ: абыхэм щыпсэухэм щыщу дэтхэнэ зы ещанэ цІыхури и ныбэ изу шхэфкъым. Сыт абы къикІыр? Уи нэгу къыщІэгъэхьэ цІыхуищ хъу унагъуэ — адэр, анэр, сабийр. Абыхэм яІэ шхыныр цІыхуитІым фІэкІа иримыкъунумэ, хэт мэжалІэу къэнэн хуейр? Адэра? Анэра? Хьэмэрэ сабийра? Унагъуэ куэдыр махуэ къэс апхуэдэ упщІэ гугъум егупсысын хуей мэхъу.

ЦІЫХУХЭМ ЖАІЭР. ЩІым гъавэр куэду къыдет, псоми ирикъун икІи къелыжын хуэдэу. ЦІыху псоми зэхуэдэу ар ялъэгъэІэсын хуейуэ аращ.

ПЭЖУ ПІЭРЭ АР? Пэжщ, зэи хуэмыдэу нобэ ерыскъыр куэду щыІэщ. Къэрал унафэщІхэм ар тэмэму зэрагъэзэхуатэмэ, гъаблэм кІэ къыхуэкІуэнут. Ауэ илъэс куэд хъуауэ абыхэм къару ирахьэлІэми, а гугъуехьым ахэр пэлъэщакъым.

ДАУЭ УЕПЛЪРЭ? Марк 13:8 ит псалъэхэр нобэ гъэзэщІа хъурэ? Технологиехэр жыжьэ зэрынэсам емылъытауэ, гъаблэр дуней псом щыІэ гугъуехьщ, пэжкъэ?

ЩІыр хуабжьу хъея икІи гъаблэр къэкІуа нэужь, иджыри зы гузэвэгъуэшхуэ абыхэм къыкІэлъыкІуэ и хабзэщ. Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям нэхъыбэ къыщыпщІэнущ.

[Вставкэ]

«Сабийхэм шхын хуиту ягъуэту щытамэ, пневмония, диарея икІи нэгъуэщІ узыфэхэм илІыкІа сабийхэм я бжыгъэр Іыхьэ щанэкІэ нэхъ мащІэу щытынут» (ЭНН ВИНИМАН, ЯПЭМ ЮНИСЕФЫМ И ДИРЕКТОРУ ЛЭЖЬАЩ).

[Сурэтым теухуауэ]

© Paul Lowe/​Panos Pictures