Хэт Алыхьым и цІэр?
Уэ зыгуэр щызэбгъэцІыхум деж, уоупщІ: «Хэт уи цІэр?» Апхуэдэ упщІэ уэ Алыхьым ептамэ, сытыт жэуапу къыуитынур?
«Сэ сы-Иеговэщ. Аращ си цІэр» (Исаия 42:8).
А цІэр уэ япэу зэхэпхыу къыщІэкІынщ. Ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библиер щызэрадзэкІкІэ и нэхъыбэм Алыхьым и цІэр дагъэху. Абы и цІэр щІэх-щІэхыурэ «ЗиусхьэнкІэ» яхъуэж. Ауэ япэ дыдэу ятха Библием Алыхьым и цІэр 7 000 хуэдизрэ итт икІи а цІэр журтыбзэкІэ хьэрф дэкІуашэу плІы мэхъу. Адыгэбзэм ар ЙХВХ (е ИГВГ) жыхуиІэ хьэрфхэращ. АдыгэбзэкІэ Алыхьым и цІэр «Иеговэщ».
ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм Алыхьым и цІэр итщ
АЛЫХЬЫМ И ЦІЭМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР СЫТ?
Алыхьым езым и цІэм мыхьэнэшхуэ ирет. А цІэр абы зыгуэрым къритауэ аракъым, атІэ езым ар зыфІищыжащ. Иеговэ жиІащ: «Аращ си цІэу игъащІэкІэ щытынур икІи зы щІэблэм икІыу адрей щІэблэм кІуэуэ къызэрызэджэнур» (Исход 3:15). Иеговэ мыпхуэдэ титулхэр иІэщ: Адэ, Зиусхьэн, Алыхь. Абы нэмыщІ Библием Алыхьым и лэжьакІуэхэм я цІэхэр итщ, псалъэм папщІэ, Ибрэхьим, Мусэ, Даут, Хьисэ. Ауэ абыхэм нэхърэ Алыхьым и цІэм Библием нэхъыбэрэ ущрохьэлІэ икІи езы Иеговэ хуейщ абы и цІэр псоми ящІэну. Библием жеІэ: «Уэ Иеговэ зицІэ, уэ зыращ Псом нэхърэ нэхъ Лъагэр, ирыращІэ цІыхухэм ди щхьэщыгум узэритыр» (Псалом 83:18).
Хьисэ Мэссихь Алыхьым и цІэм мыхьэнэшхуэ ирет. Хьисэ и гъэсэнхэр Алыхьым мыпхуэдэу елъэІуну игъасэт: «Уи цІэр цІыхухэм ирегъэлъапІэ» (Маттэ 6:9). Езы Хьиси Алыхьым мыпхуэдэу зыхуигъазэт: «Си Адэ, уи цІэм и щІыхьышхуэр цІыхухэм егъэлъагъу» (Иуан 12:28). Алыхьым и цІэр гъэлъэпІэным Хьисэ мыхьэнэшхуэ ириту щытащ. Аращ абы мыпхуэдэу щІыжиІар: «Уи цІэр сэ абыхэм къахузэІусхащ икІи иджыри къахузэІусхынущ» (Иуан 17:26, ДЩІ).
Алыхьыр зыцІыхухэм абы и цІэм мыхьэнэшхуэ ират. Пасэ зэманым псэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэм ящІэт Алыхьым и цІэм хуэдэ зэрыщымыІэр икІи а цІэр я фІэщ зэрыхъум и фІыгъэкІэ ахэр хъума икІи къегъэла зэрыхъунур. Библием щыжыІащ: «Иеговэ и цІэр — чэщанэ быдэщ: цІыху пэжыр абы щІолъадэри, хъума мэхъу» (Притчи 18:10). Абы иджыри щыжыІащ: «Иеговэ и цІэр къезыджэ дэтхэнэри къелынущ» (Иоиль 2:32). Библием къыщыхощ Алыхьым и цІэр зэрызэрахьэмкІэ абы и лэжьакІуэхэр къызэрацІыхунур: «Лъэпкъ къэс езым и алыхьым и цІэр зэрихьэнущ, ауэ дэ ди Алыхь Иеговэ и цІэр игъащІэкІэ дгъэлъэпІэнущ» (Михей 4:5; Апостолхэм 15:14).
АЛЫХЬЫМ И ЦІЭМ КЪИКІЫР СЫТ?
Алыхьыр хэт хъунуми абы и цІэм къытхузэІуех. Библиер зыдж щІэныгъэлІхэм зэрабжымкІэ, «Иеговэ» цІэм «абы къегъэхъу» жиІэу аращ къикІыр. Иеговэ и цІэм къикІыр Мусэ мыпхуэдэу къыгуригъэІуащ: «Сэ сызэрыхуей сыхъунущ» (Исход 3:14). Зэрытлъагъущи, Алыхьым и цІэм къегъэлъагъуэ абы псори къызэригъэщІар икІи псоми щІэдзапІэ зэрыхуэхъуар. Абы нэмыщІ а цІэм къикІым къызэрыхэщымкІэ, Алыхьыр зэрыхъун хуейм хуэдэ хъуфынущ, езым и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ. КъигъэщІахэми Іущагърэ къарурэ иритыфынущ, и мурадыр абыхэми ягъэзэщІэн щхьэкІэ. Алыхьым и титулхэм къагъэлъагъуэ абы иІыгъ увыпІэмрэ и зэфІэкІымрэ, ауэ и цІэ закъуэращ Иеговэ хэтми икІи ар хэт хъуфунуми къэзыгъэлъагъуэр.
Алыхьым и дежкІэ дэ мыхьэнэшхуэ дызэриІэм абы и цІэр щыхьэт тохъуэ. Алыхьым и цІэм къегъэлъагъуэ абы и ІэдакъэщІэкІхэм, дэри абыхэм дахэту, сыт щыгъуи и нэІэ къызэрыттригъэтынур. Алыхьым и цІэр къыщытхузэІуихакІэ, дауикІ, ар хуейщ дэ абы ныбжьэгъу дыхуэхъуну. Егупсыс: цІыхухэр къеупщІын ипэ, Иеговэ езым и цІэр абыхэм къахузэІуихащ. А псом къегъэлъагъуэ Алыхьыр пэж дыдэу зэрыщыІэр икІи абы гъунэгъу дызэрыхуэхъуфынур (Псалом 73:28).
Алыхьым и цІэмкІэ зырызыхуэдгъазэм къегъэлъагъуэ абы пщІэ зэрыхуэтщІыр. Ныбжьэгъу пщІыну узыхуей цІыхур уи цІэмкІэ къоджэну уелъэІуауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Абы уи цІэр жиІэн имыдэмэ, дауэ къыпщыхъунут? Уэ псынщІэу къыбгурыІуэну къыщІэкІынт ар уи ныбжьэгъу хъуну зэрыхуэмейр. Апхуэдэу, Иегови дэ къыдолъэІу и цІэмкІэ деджэну. И цІэмкІэ дызэреджэмкІэ къыдогъэлъагъуэ абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр лъапІэу зэрытлъытэр. Езы Иегови «и цІэм егупсысхэм» пщІэ яхуещІ (Малахия 3:16).
Алыхьым и цІэр зэрытщІэр япэ лъэбакъуэ хуохъу абы ныбжьэгъу дыхуэхъуным. Ауэ абыкІэ дыкъэувыІэн хуейкъым. А цІэр зезыхьэр дэ фІыуэ къэтцІыхун хуейщ, абы гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ.
ХЭТ АЛЫХЬЫМ И ЦІЭР? Алыхьым и цІэр Иеговэщ. А цІэм хуэдэ щыІэкъым.