Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Кхъуафэжьейр зэрызэрагъакІуэм хуэдэу, гъэсэныгъэр сабийм доІэпыкъу гъуэгу пэжым ар темыкІыну

АДЭ-АНЭХЭМ ПАПЩІЭ

6 Сабийр бгъэсэныр

6 Сабийр бгъэсэныр

СЫТ АБЫ КЪИКІЫР?

Сабийр бгъэсэным хохьэ абы гъуэгу пэжыр ебгъэлъэгъуныр икІи ар фІым хуебгъэджэныр. Зэзэмызэ сабийм тезыр телъхьэн хуейщ, ауэ адэ-анэм я къалэн нэхъыщхьэр сабийм Іеймрэ фІымрэ зэхигъэкІыфу ирагъэсэныращ. Абы и фІыгъэкІэ сабийм унафэ пэжхэр ищІынущ.

АБЫ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР

Ди зэманым языныкъуэ адэ-анэхэм зэрыжаІэмкІэ, сабийхэм гъэсэныгъэ бгъэдэлъхьэн хуейкъым, абыхэм я щхьэм мыгъуагъэ хуамыхьыжын щхьэкІэ. Ауэ зи сабийхэр пэж дыдэу фІыуэ зылъагъу адэ-анэхэм унагъуэр зытетын хуей хабзэхэр Іэмал имыІэу ягъэув икІи сабийхэм ахэр ягъэзэщІэфу ирагъасэ.

«Сабийм фІыуэ зиужьын щхьэкІэ, ищІэ хъунумрэ мыхъунумрэ теухуауэ псори къыгурыІуэу щытын хуейщ. Гъэсэныгъэ зыбгъэдамылъхьэ сабийр зыми зэримыгъакІуэ кхъухьым ещхьщ. Апхуэдэ кхъухьыр икІэм-икІэжым гъуэгу пэжым текІынущ икІи псым щІилъэфэнкІэ хъунущ» (Памела).

СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

Уи псалъэм тетыж. Фи унагъуэм илъ хабзэхэм сабийр ебэкъуамэ, тезыр гуэр абы телъхьэ. Ауэ ар жыІэдаІуэу щытамэ, Іэмал имыІэу абы щытхъу.

«Сэ си сабийхэм щІэх-щІэхыурэ сащотхъу, ахэр жыІэдаІуэу зэрыщытым щхьэкІэ. Сабий жыІэдаІуэр ди зэманым мащІэ хъуащ. Щытхъу псалъэ зэхэзых сабийм тезырри нэхъ тыншу къещтэ» (Кристин).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «ЦІыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ» (Галатие 6:7).

ЗэхэщІыкІ зыхэгъэлъ. Сабийм тезыр теплъхьэр и ныбжьымрэ и зэфІэкІхэмрэ елъытауэ щытын хуейщ. Тезырыр сабийм ищІа щыуагъэм епхауэ щытмэ нэхъыфІщ. Псалъэм папщІэ, телефоныр къызэригъэсэбэп хъунум теухуа уи унафэм ебэкъуамэ, телефоныр зэман гуэркІэ къытепх хъунущ. Сабийм и щытыкІэр уи гум зэрытемыхуэ къудейм щхьэкІэ абы тезыр теплъхьэ хъунукъым.

«Си сабийм ищІэр къыгурыІуэу си жыІэм щІэкІа хьэмэрэ ар ауэ сытми щыуауэ ара? Мы упщІэм и жэуапыр къызэрызгурыІуэным иужь ситщ. Хьэл мыхъумыщІэ пхэлъынымрэ щыуагъэ цІыкІу пщІэнымрэ зыкъым. Зыр сабийм зыхинэн хуейщ, адрейм гу лъебгъатэ къудейми зэфІэкІынущ» (Уэндэл).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Адэхэ, фи бынхэр фымыгъэгубжь, я гур мыкІуэдын щхьэкІэ» (Колоссэ 3:21).

Лъагъуныгъэ хэлъу гъасэ. Адэ-анэм фІыуэ къызэралъагъур сабийм ищІэмэ, абыхэм къабгъэдэкІ тезырри нэхъ тыншу къещтэ.

«Ди къуэм щыуагъэ гуэр щищІэм деж, дэ абы игу къэдгъэкІыжт фІыуэ зэрытлъагъур икІи япэм унафэ пэж куэд зэрищІар зэрытщІэжыр. Дэ абы къыгурыдгъаІуэт и щыуагъэр зэригъэзэхуэжын щхьэкІэ къару ирихьэлІэмэ, ар адэкІи цІыхуфІу къызэрынэнур. Абы иужькІэ дэ абы дыдэІэпыкъуну дызэрыхьэзырыр жетІэт» (Дэниел).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «ФІылъагъуныгъэм шыІэрэ гущІэгъурэ иІэщ» (1 Коринф 13:4).