Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Израил цІыхухэр пшахъуэщІым щитам щыгъуэ, мэнн шхыныгъуэмрэ ныбгъуэхэмрэ нэмыщІ, сыт яшхыу щытар?
Илъэс 40-м къриубыдэу израил цІыхухэр пшахъуэщІым итыху, нэхъыбэу яшхыу щытар мэнн шхыныгъуэрат (Исх. 16:35). Иджыри Иеговэ ахэр игъэшхэн щхьэкІэ, ныбгъуэ къазэрыритам тІэунейрэ Библиер топсэлъыхь (Исх. 16:12, 13; Чис. 11:31). Ауэ израил цІыхухэм нэгъуэщІ ерыскъыи яІащ.
Псалъэм папщІэ, иныкъуэхэм деж Иеговэ ахэр псырэ къэкІыгъэрэ здэщыІэ щІыпІэхэм ишэт (Чис. 10:33). Апхуэдэ щІыпІэхэм щыщ зыр — Элим зи цІэ оазисыращ. А щІыпІэм псынэпсу 12-рэ пальмэ жыгыу 70-рэ щыІэт. Ахэр чыцІыбжьэ (финиковая пальма) жыгыу къыщІэкІынут (Исх. 15:27). Зы тхылъ гуэрым мыпхуэдэ псалъэхэр итащ: «ЧыцІыбжьэ жыгхэр щІыпІэ куэдым къыщокІ... Пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкІэ жыгхэм щыщу пшахъуэщІым нэхъыбэу къыщыкІыр аращ икІи абы мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм ерыскъырэ дагъэрэ ярет, жьауи яхуохъу» (Plants of the Bible).
Абы нэмыщІ израил цІыхухэр Фаран a зи цІэ оазисым къыщыувыІэу щытауэ къыщІэкІынущ. А оазисыр псы щежэх къуэм (ва́ди жыхуаІэм) щыІэщ. Зы тхылъым щыжыІащ абы «километр 130 и кІыхьагъыу икІи Синайский полуостров жыхуаІэм щыІэ оазисхэм щыщу ар нэхъ кІыхьу, нэхъ дахэу икІи нэхъ яцІыхуу щыту». Абы нэмыщІ а тхылъым иджыри щыжыІащ: «Къуэр къыздыщІидзэм щыщІэдзауэ километр 45-рэ хуэдизкІэ укІуэмэ, километритху зи кІыхьагъ Фаран оазисым урохьэлІэ. Ар метр 600-кІэ тенджызым нэхърэ нэхъ лъагэщ. А оазисым и дахагъэр Іэдэн жыг хадэм хуэбгъадэ хъунущ. Ижь-ижьыж лъандэрэ чыцІыбжьэ жыгхэр куэдыкІейуэ къыщыкІ а щІыпІэ дахэм цІыхухэр къыдехьэх» (Discovering the World of the Bible).
Мысырым къыщикІыжым щыгъуэ израил цІыхухэм тхьэв, пщагъэ зэрапщ хьэкъущыкъу, гуэдз, дагъэ къыздащтащ. ДауикІ, абыхэм къыздащтар, куэдрэ ярикъуакъым. Иджыри израил цІыхухэм Іэщ куэд здахуат (Исх. 12:34—39). Ауэ а Іэщым щыщ куэдыр пшахъуэщІым щылІащ. Абыхэм щыщ гуэрхэр израил цІыхухэм яшхащ, къурмэныпхъэуи къахьащ. Израил цІыхухэм тхьэнэпцІхэми къурмэн къыхуахьт (Апост. 7:39—43) b. Дауэ мыхъуами, пшэхъуэщІым итыху, абыхэм Іэщ яІащ. Ар Иеговэ и псалъэхэм къыхощ. Израил цІыхухэр Иеговэ щемыдэІуам щыгъуэ, абы мыпхуэдэу яжриІащ: «Фи къуэхэр Іэхъуэу илъэс 40 пшахъуэщІым итынущ» (Чис. 14:33). Аращи, израил цІыхухэм гъэши лыи яІауэ къыщІэкІынущ. Ауэ мелуанищым нэблагъэ цІыхухэр илъэс 40-кІэ бгъэшхэн щхьэкІэ, дауикІ, ар мащІэт c.
Израил цІыхухэм я Іэщыр зыхуэныкъуэ псымрэ мэкъумылэмрэ дэнэт къыздрахыр? d А зэманым пшахъуэщІым уэшх нэхъ къыщешхыу икІи къэкІыгъэхэр нэхъ къыщыкІыу къыщІэкІынут. «Понимание Писания» тхылъым, «Аравия» статьям мыпхуэдэу щыжыІащ: «Илъэс 3 500-кІэ узэІэбэкІыжмэ, Аравием псы нэхъыбэ щыІащ. Вади жыхуаІэ псы жапІэ игъущыкІа куэд абы зэрыщыІэр щыхьэт тохъуэ япэм щыгъуэ пшахъуэщІым уэшх куэду къешхыу зэрыщытам». Ауэ, а псом емылъытауэ, пшахъуэщІыр щІыпІэ шынагъуэу, ущыпсэунуи гугъуу щытащ (Втор. 8:14—16). Иеговэ абыхэм телъыджэ ІуэхукІэ псы къаримыту щытамэ, цІыхухэри Іэщхэри къелынутэкъым (Исх. 15:22—25; 17:1—6; Чис. 20:2, 11).
Мусэ зэрыжиІам хуэдэу, «цІыхум и гъащІэр щІакхъуэм и закъуэу зэремылъытар, атІэ Иеговэ къыбгъэдэкІ дэтхэнэ зы псалъэми зэрелъытар» израил цІыхухэм къагуригъэІуэн щхьэкІэ, Алыхьым ахэр мэнн шхыныгъуэкІэ игъашхэу щытащ (Втор. 8:3).
a 1992-нэ гъэм, накъыгъэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 24, 25-нэ напэкІуэцІхэм феплъ.
b Израил цІыхухэр пшахъуэщІым щитым щыгъуэ, Иеговэ къурмэн къыщыхуахьа ІуэхугъуитІым Библием и гугъу ещІ. Япэр — ар Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ дин пашэу лэжьэну Иеговэ къыщыхихам щыгъуэщ, етІуанэр — ІутІыж махуэшхуэм щыгъуэщ. А ІуэхугъуитІыр къыщыхъуар ди эрэм ипэ 1512-нэ гъэм, израил цІыхухэр Мысырым къызэрикІрэ илъэс хуэдиз дэкІауэ (Лев. 8:14—9:24; Чис. 9:1—5).
c Израил цІыхухэр пшахъуэщІым илъэс 40-кІэ щита зэманыр и кІэм щынэсым, абыхэм Іэщ мин бжыгъэ къазэуащ (Чис. 31:32—34). Ауэ Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм ихьэху, абыхэм мэнн шхыныгъуэр яшхащ (Иис. Н. 5:10—12).
d Иеговэ мэнн шхыныгъуэм щыщу цІыхум хуэшхыным хуэдиз фІэкІа къимыщыпыну унафэ ищІат. Абы къыхэкІкІэ ар псэущхьэхэм ирагъэшхыу щытауэ щІыжытІэн щхьэусыгъуэ диІэкъым (Исх. 16:15, 16).