ЧэнджэщыфІхэр. Ди тхыгъэхэр зэрыбдж хъуну щІыкІэхэр
Библиер куууэ щыбджкІэ, сыт нэхъапэ ибгъэщын хуейр?
Библиер куууэ дджын щхьэкІэ, дэ псоми зэман пыухыкІа гуэрщ диІэр. Дапхуэдэу а зэманыр нэхъыфІу къызэрыдгъэсэбэп хъунур? Япэрауэ, дыпІэщІэн хуейкъым. ПсынщІэу куэд зэуэ уеджэ нэхърэ, мащІэу, ауэ нэхъ куууэ уеджэмэ нэхъыфІщ.
ЕтІуанэрауэ, уи дежкІэ сытым нэхъ мыхьэнэ иІэми зэхэгъэкІ (Еф. 5:15, 16). АбыкІэ сэбэп къыпхуэхъуну чэнджэщхэр:
Библием махуэ къэс еджэ (Пс. 1:2). Абы щхьэкІэ «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым ит графикыр къэбгъэсэбэп хъунущ.
Библиер щызэпкърахкІэ жыджэру ухэтыфын щхьэкІэ, «ХъумакІуэ чэщанэм» ит статьяхэмрэ тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэхэмрэ фІыуэ зыхуэгъэхьэзыр (Пс. 22:22).
Зэман уиІэу щытмэ, нэгъуэщІ публикациехэри бломыгъэкІ, псалъэм папщІэ, ягуэшын щхьэкІэ къыдагъэкІ журналхэр, видеохэр, абы нэмыщІ jw.org сайтым ит статьяхэр.
Бджыну узыхуей темэр къыхэхи, ар куууэ зэпкърых. Псалъэм папщІэ, уэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуейщ гугъуехь гуэрым узэрыпэлъэщыным, упщІэ гуэрым и жэуапыр къызэрыбгъуэтыным е Библием ит гуэр нэхъыфІу къызэрыбгурыІуэным теухуауэ. АбыкІэ къыбдэІэпыкъуну чэнджэщыфІхэр jw.org сайтым ит «Библейские задания» жыхуиІэ Іыхьэм къыщыбгъуэтыфынущ.