Уз хэтІэса уиІэу упсэумэ, Библиер зыгуэркІэ къыбдэІэпыкъуфыну пІэрэ?
Библием жиІэр
КъыбдэІэпыкъуфынущ. Алыхьым и лэжьакІуэхэм и нэІэ ятригъэтщ, ахэр щысымаджэм деж. Алыхьым пэжу хуэлажьэ дэтхэнэ зыми теухуауэ Библием щыжыІащ: «Иеговэ сымаджэм щІэгъэкъуэн хуэхъунущ» (Псалом 41:3). Уэ уз хэтІэса уиІэу упсэумэ, мы чэнджэщищыр къыбдэІэпыкъунущ:
Алыхьым къару къыуитыну елъэІу. «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иныр» уэ къыбдэІэпыкъунущ (Филиппи 4:6, 7).
ФІым егупсыс. Библием щыжыІащ: «Гухэхъуэр Іэпкълъэпкъым и хущхъуэгъуэщ, гухэщІ-гукъеуэм хэт зэпытым и къупщхьэр мэщыр щІэх» (Притчи 17:22, Гъэсэпэтхыдэхэр). Нэхъыбэу узэрыгушыІэнымрэ узэрыдыхьэшхынымрэ иужь ит, ар къыбдэІэпыкъунущ ущынэщхъейм деж икІи уи узыншагъэм сэбэп хуэхъунущ.
Гугъэ дахэм щІэх-щІэхыурэ егупсыс. Лъабжьэ быдэ зиІэ гугъэр къыбдэІэпыкъунущ гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэдыну, уз хэтІэса узэриІэм емылъытауэ. (Рим 12:12). Библием гугъэ къыдет: «Зы цІыхуми жиІэнукъым: „Сэ сысымаджэщ“» (Исаия 33:24). ЦІыхухэр нобэ зыпэмылъэщ уз хэтІэса псори Алыхьым куэд мыщІэу игъэхъужынущ. Абы нэмыщІ жьы хъуахэр щІалэ хъужыну Библием дыкъегъэгугъэ: «Абы и Іэпкълъэпкъыр и щІалэгъуэм нэхърэ нэхъ дахэ хъужынущ икІи и щІалэгъуэм иІа къарум хуэдиз игъуэтыжынущ» (Иов 33:25).
Гу зылъытапхъэ. Иеговэ и Щыхьэтхэр сыт и лъэныкъуэкІи Алыхьым щыгугъми, абыхэм къагуроІуэ уз хэтІэсахэр зэрыгъэхъужын хуейр. Абы къыхэкІкІэ абыхэм дохутырхэм зыхуагъазэ. (Марк 2:17). Ауэ зэрызагъэхъуж Іэмалхэм щыщ гуэр кІуэцІрагъэкІыну иужь иткъым ахэр. Дэтхэнэ зы цІыхуми езым и щхьэм унафэ хуещІыж зэрызигъэхъужыну Іэмалыр къыщыхихкІэ.