Библием щыщ тхылъхэм ущызыгъэгъуазэ
Мы видеоурок кІэщІхэм уэ къыщыпщІэнущ Библием щыщ тхылъхэр зэратхам икІи ахэр зытепсэлъыхьым теухуауэ. Видеохэм я фІыгъэкІэ Библием уеджэнымрэ ар куууэ бджынымрэ нэхъ гъэщІэгъуэн хъунущ.
Библием ущызыгъэгъуазэ
КъащІэ дэтхэнэ зы тхылъри Библием и темэ нэхъыщхьэм зэрыпыщІам — Иеговэ и цІэр гъэкъэбзэжа зэрыхъуным. Ар зыгъэзэщІэнур Хьисэ Мэссихь зи пащтыхьу щыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ.
ЩІэдзапІэ тхылъым ущызыгъэгъуазэ
ЩІэдзапІэ тхылъым итщ Алыхьым цІыхухэр къызэригъэщІамрэ гугъуехьхэмрэ лІэныгъэмрэ я къежьапІэ хъуамрэ.
Исход тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Алыхьым израил цІыхухэр мысыр пщылІыпІэм къришыжащ икІи ахэр абы и лъэпкъ хъуащ.
Левит тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Алыхьыр зэрылъапІэмрэ къабзэу ущытыным мыхьэнэшхуэ зэриІэмрэ Левит тхылъым къызэригъэлъагъуэм еплъ.
Числа тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Иеговэрэ абы и лъэпкъым унафэщІу тригъэува цІыхухэмрэ дедэІуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэм феплъ.
Второзаконие тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Иеговэ израил цІыхухэм ярита Хабзэм и лъэпкъым хуиІэ лъагъуныгъэшхуэр къызэрыхэщыр къафщІэ.
Иисус Навин тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Израил цІыхухэм Алыхьым къарита щІыналъэр къызэразэуамрэ ар лъэпкъхэм зэрытрагуэшамрэ теухуауэ къафщІэ.
Судей тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Мы тхылъыр топсэлъыхьыж Алыхьым израил лъэпкъыр къригъэлын щхьэкІэ къигъэсэбэпа хеящІэ хахуэхэм.
Руфэ тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Фызабэ Руфэ и закъуэу къэна и гуащэм лъагъуныгъэшхуэ зэрыригъэлъэгъуам икІи Иеговэ и нэфІ абыхэм зэрыщыхуам теухуащ мы хъыбарыр.
Первая Самуила тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Уэ къэпщІэнущ израил лъэпкъым хеящІэхэр щытета зэманыр иухыу пащтыхьхэр щытеува зэманым теухуауэ.
Вторая Самуила тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Библиер зытепсэлъыхьыж цІыхухэм щыщу Даут куэдым яцІыху икІи фІыуэ ялъагъу. Абы иІа фІэщхъуныгъэмрэ Іэдэбагъымрэ теухуауэ къащІэ.
Первая Царей тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Сэлмэн и зэманым тхъэжу псэуа Израил лъэпкъыр зэбий пащтыхьыгъуитІу гуэша зэрыхъуар къащІэ.
Вторая Царей тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Израил ищхъэрэ пащтыхьыгъуэр тхьэ нэпцІхэм зэрыхуэлажьэм къыхэкІкІэ зэрыунэхъуам гу лъыфтэ. А зэман дыдэм Иеговэ пэжу хуэлэжьа цІыхухэм и нэфІ ящыхуэт, абыхэм я бжыгъэр мащІэу щытами.
Первая Летопись тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Алыхь фІэлІыкІ зиІэ Даут къызытехъукІар икІи пащтыхь щыхъуам къыщыщІэдзауэ дунейм ехыжыху и гъащІэм къыщыхъуар къащІэ.
Вторая Летопись тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Алыхьым ухуэпэжыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр Иудэ пащтыхьхэм я хъыбархэм къыхощ.
Неемия тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Алыхь пэжым хуэлажьэхэм Неемия тхылъым дерс куэд къыхахыфынущ.
Эсфирь тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Эсфирь и зэманым къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм быдэу ди фІэщ ящІ ди зэманми Алыхьым и лъэпкъыр къригъэлыну лъэкІыныгъэ зэриІэр.
Иов тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Иеговэ фІыуэ зылъагъу дэтхэнэ зыри гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуэнущ. Іэиуб теухуа хъыбарыр Иеговэ хуэпэжу дыкъызэрынэфынум икІи и тепщэныгъэр зэрыдэтІыгъыфынум шэч къытедмыхьэну къыддоІэпыкъу.
Псалом тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Псалом тхылъым Иеговэ и тепщэныгъэр егъэлъапІэ, Иеговэ фІыуэ къэзылъагъухэм зэрыдэІэпыкъур, гупсэхугъуэ зэрыритыр къегъэлъагъуэ икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу щІылъэр жэнэт зэрищІыжынур къыдегъащІэ.
Япэ Коринф тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Паул и письмом щытопсэлъыхь зэкъуэтыныгъэм, къабзагъэм, лъагъуныгъэм, лІахэр къызэрытэджыжыныр ди фІэщ зэрыхъум мыхьэнэшхуэ зэриІэм.
ЕтІуанэ Коринф тхылъым ущызыгъэгъуазэ
«Гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ» Иеговэ и лэжьакІуэхэм доІэпыкъу.
Галатие тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Щатха зэманым хуэдэуи Галатие тхылъым ноби мыхьэнэшхуэ иІэщ. А тхылъыр Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм къадоІэпыкъу Алыхьым хуэпэжу къэнэну.
Ефес тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Хьисэ Мэссихь къигъэсэбэпу мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ иухуэжыну Алыхьым мурад зэриІэм мы тхылъыр топсэлъыхь.
Филиппи тхылъым ущызыгъэгъуазэ
ГъэунэхуапІэ дыщыпэщІэхуэм деж дэ теубыдагъэ дгъэлъагъуэр нэгъуэщІхэм я фІэщхъуныгъэр быдэу яхъумэну къадэІэпыкъуфынущ.
Колоссэ тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Дэ Иеговэ арэзы тщІынущ, къэтщІар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпмэ, нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр яхуэдгъэгъумэ икІи Хьисэ Мэссихь и Пащтыхьыгъуэр дэтІыгъыу щытмэ.
Япэ Фессалоникэ тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Дэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ зыщІыфыну Іуэхугъуэхэм зыщытхъумэн, «Іуэху псоми я щыпкъагъэр дгъэунэхун», зэпымыууэ Алыхьым делъэІун икІи зым зыр дгъэгушхуэн хуейщ.
ЕтІуанэ Фессалоникэ тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Иеговэ и махуэшхуэр къэсауэ жызыІэхэм зэрыщыуэр Паул къыгурегъаІуэ икІи я фІэщхъуныгъэр быдэу яхъумэну къуэшхэр къыхуреджэ.
Япэ Тимофей тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Паул Тимофей япэ письмор щІыхуитхар зэхуэсым илъын хуей хабзэр жриІэн икІи щІэныгъэ нэпцІхэмрэ мылъку зэхуэхьэсынымрэ зыщахъумэн щхьэкІэщ.
ЕтІуанэ Тимофей тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Паул Тимофей къыхуреджэ хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхузэфІэкІкІэ хэтыну.
Тит тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Паул Тит хуитха письмомкІэ Крит хытІыгум щыІэ зэхуэсхэм илъ Іуэхухэр зэрызэхэгъэкІын хуейм теухуауэ чэнджэщ ирет икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм яІэн хуей дуней тетыкІэм и гугъу ещІ.
Филимон тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Мы письмом Алыхьым и лэжьакІуэхэм Іэдэбагъ зэрагъэлъэгъуэн хуейм, гущабагъэ зэрызыхагъэлъын хуейм икІи ягъэгъун зэрыхуейм теухуауэ щапхъэфІхэр итщ.
Еврейхэм тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Къурмэныпхъэхэмрэ Алыхьым и унэшхуэмрэ увыпІэ лъагэ щызыІыгъыу щыта журт диным нэхърэ Хьисэ и цІэкІэ Алыхьым ухуэлэжьэныр куэдкІэ нэхъыфІщ.
Екъуб и тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Екъуб мыхьэнэшхуэ зиІэ принципхэр щапхъэ гъэщІэгъуэнхэмкІэ къыдгурегъаІуэ.
Петр и япэ тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Петр дыхуегъэуш ди гуныкъуэгъуэ псори Алыхьым бгъэдэтлъхьэу абы дыхуэлэжьэну.
Петр и етІуанэ тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Петр и етІуанэ тхылъым щыжыІащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм шыІэныгъэ тхэлъу дежьэурэ, Алыхьым пэжу дызэрыхуэлэжьэн хуейр.
Иуан и япэ тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Иуан и япэ письмом антихристхэм зыщытхъумэну дыхуегъэуш икІи сыт фІыуэ тлъагъун хуейми сытым пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейми къыдгурыІуэну къыддоІэпыкъу.
Иуан и етІуанэ тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Иуан и етІуанэ тхылъым дыхуегъэуш пэжым дытетыну икІи пцІыупсхэм зыкъедмыгъэгъэпцІэну.
Иуан и ещанэ тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Иуан и ещанэ тхылъым къыдегъащІэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа къуэш, шыпхъухэм ягъэлъэгъуа хьэщІагъэр.
Иудэ и тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр къэзыгъапцІэу, я фІэщхъуныгъэр зытезыкъутэну хуейхэм я бзаджагъэр абы къыщІегъэщ.
Апокалипсис тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Апокалипсис тхылъым Алыхьым Иуан къыхуигъэлъэгъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр итщ. Абыхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу щІылъэмрэ цІыхухэмрэ хуиІэ мурадыр зэригъэзэщІэжынур.